Location via proxy:   [ UP ]  
[Report a bug]   [Manage cookies]                
Jump to content

Бабыщжьэгъуплъ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Бабыщжьэгъуплъ
Бабыщжьэгъуплъ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къаз теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бабыщ теплъэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Branta
ЛӀэужъыгъуэ: Бабыщжьэгъуплъ
Латин цӀэр
Branta ruficollis Pallas, 1769


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175015
NCBI 184715
Branta ruficollis

Бабыщжьэгъуплъ (лат-бз. Branta ruficollis) — бабыщ лъэпкъым щыщ къаз жьгъей пщагъуэщ, зы чилэм нэс къишэчу.

И тхыцӀэр, ныбэгущхьэр, пэр, лъакъуэхэр фӀыцӀэщ, джабэхэр, кӀэ щӀагъыр тэхущ. И пщэ гъунэхэм хужь кусэ кӀыхь къырох.

Урысейм и щӀыналъэхэм къанэмыщӀа нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щыгъуалъхьэкъым, ауэ мэлъэтэж. ЩӀымахуэр щагъакӀуэ Каспий Хым и ипщэ Ӏуфэм, Къажэрым, Иракым. Щогъуалъхьэ псыхъуэ нэпкъ задэхэм, псыӀуфэ, къуэ зэщӀэкӀахэм. Абгъуэр игъэпщкӀукъым. Бадзэуэгъуэм шыри 3-9 къыреш. ШыщхьэӀум и иужырей тхьэмахуэм ехъулӀэу заӀэт. Бжьыхьэм Ищхъэрэ Къаукъазым и хыкъум Ӏуфэхэм щыплъагъунущ гупышхуэу зэгъусэу.

Я Ӏус нэхъыщхьэр къэкӀыгъэщ.


  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.